Обложка трека Къущхьэ Жамботрэ Екъубрэ я тхьэусыхэ — Хьэбас КIэмыргуей
10:12

Хьэбас КIэмыргуей Къущхьэ Жамботрэ Екъубрэ я тхьэусыхэ

Альбом · Уэрэдхэр · 2026

Скачать

Текст песни

Дэ дыкъущхьэт, къущхьэм и жьанэм жи, уей дыщалъхур.
Дэ дыкъэзылъхугъэри, ДыщэкI унагъуэти, эй мэунэр.

«Дыунэнщ» жыдоIэр иджы, Тохъутэмыщей тIэкIумэ, ой дыдохьэр.
Дэ дызыдэхьам иджы, ди чэнджэщэгъухэри, ой димыIэ

Тохъутэмыщхэ диIэт иджы, дэ ди нэ – ди псэмэ, ой къылъохъуэр.
ЗэшитIыуэ дыхъурти, шыхъуэ - шыхэпщыуэрэ, ой дыраIэт.

ЩIым къэса закъуэмэ - ди анэжь тхьэмыщкIэри, ер и бынжэпыбзкъэ.
Къалэм ущыкIуэкIэ, щIакIуэм и фIыцIэри, пщIыпщIу пхузетхьэрт.

Унэм укъэкIуэжымэ, шагъдийм и джабэри, щIэтлъэщIыкIырт.
Мэрем жэщыр къосыри, «Жамбот!» - жиIэурэ, Эйй зы къоджэр.

Абы и джэ макъымэ, Нэгурэшу дахэри жи, уей доушыр.
Къимыгъэушынуэрэ, шхыIэным и кIапэр жи, Ей щIеупщIэр.

Жамбот лIы пхъашэти, ар лIы мышынэт иджы, Ой щолъэтыр.
Нэгурэшу дахэр жи, къыщылъэтауэрэ, ей мэлъаIуэр.

Ар зи джэ макъымэ, ФIы игу имылъкIэрэ сэ ситобэ.
МафIэгъуэ дэпыри, фочым и пащIэкIэ, уай къыщIетхъур,

Гынжьейм и пхъашэри, шугъу кIанэм хуэдэурэ тырегъащхьэ.
Жыхафэгум щехкIэрэ, Нэгурэшу дахэри жи, ай поувыр.

Сэ хьэтыр симыIэмэ, щхьэлъанщIэм папщIэкIэ, уэ къэгъанэ!
Ар зи джэ макъымэ, фIы и гу имылъкIэрэ, сэ си тобэ!

Еей Нэгурэш, Нэгурэшу дахэ жи, ар сэ къызжомыIэ.
Лъхукъуэщо къэджамэ жи, сыт напэр сиIэурэ, ей сыIуплъэжыну?

Бзаджэ-наджэ къаджэмэ, наджэ-Iуджэ сищIын жысIэу, сышынэн жи?
Уэ уи кIэ къуащIэкIэ, сытхуэдиз махуэкIэ, ей супIын жи?

Жыгей бжэIулъэри, Iэгум и дакъэкIэ, уей IуегъэпкIыр.
Фоч гъэпкIар иIыгъыуарэ, Къущхьэ Жэмботыри, ей ныщIокIыр.

ФIыцIэгъищыр бзаджэурэ, Лъхукъуэщоум я гуэщымэ, ой щIопкIэжыр.
ХьэщIэщыжь кIыфIыри, фоч фIыцIэ пащIэкIэ, ей щIепщыкIыр.

Абы щимыгъуэтуэрэ, Къущхьэ Жэмботыри, ей щIокIыжыр.
Ахьмэтым и жьэгури, фоч фIыцIэ пащIэкIэ, эй щIещыкIыр.

Абы щимыгъуэтымэ, Къыщхьэ Жэмботыри, уей къокIуэжыр.
Мы вэгъуэ удзыри, сыхьэт фIэкIыхукIэрэ, ей къеубэ.

А лъэхъэнэ дыдэмэ я хьэ гъуабжэжьыри, ой бгъэдохьэ.
Уей хьэ гъуабжэжьыурэ, хьэм яшхыжын жи, дэнэ ущыIат уэ.

Мэзым дыкIуамэ жи, вы щIэттIыкIахэри, уэ тхуэбгъэхъурт.
Унэм дыкъэкIуэжымэ, бжьэ Iэщын матищэмэ, уэ урихъумакIуэт,

Ныжэбэризэмэ, мыбы къэджа закъуэри, уэ щхьэ умыщIарэ?
Фочым и пащIэкIэ, хьэ париижьымэ, ай жьэхоуэ,

Хьэ гъуабжэжьыфIымэ, зишхыхьыжыххэуэрэ, уей йожажьэ.
Хьэ париижьыри, лъхукъуэщоум я гуэщымэ, ауй ныщIохьэр,

Шухьэ цей къуащIэри, и жьэм жьэдэлъыуэрэ, ей къыщIехыр.
Шухьэ цей къуащIэри, Жамбот и гуфIакIэмэ, уай деупщIэр,

Сэ тхьэ сыгъаIуэ жи, Тохъутэмыщхэ КIуащэ, и IэщIагъэм.
Къущхьэ Жамботыри, Лъхукъуэщом я гуэщыми, ай ныщIохьэр,

Фочауищым бзаджэурэ, къызэдагъэпсыри, ай къыздоуэр,
Гъатхэ хьэпшыруэрэ, Къущхьэ Жамботыри, ей зопщыпщэ.

Мы фоч уэ макъымэ, Нэгурэшу дахэр жи, ей дохащIэр,
Унэм къыщIохьэжыри, шыгъуэгу щхьэгъубжэмкIэ, ей йожэкIыр.

Ейй Екъуб, уи къуэшыжь закъуэри, ей щыIэжкъым,
ЩхьэпIцIэрэ лъапIцIэуэ, фоч пцIанэ иIыгъыуэрэ, ай къыщIожыр,

Къущхьэ Екъубыри, Тохъутэмыщхэ дежкIэрэ, ой ножэкIыр.
Уэй си къуэшыжь закъуэ, еей дуней, сытхэр къэхъуа жи,

Абы къэхъуа лажьэмэ, еей маржэ, уэ ущIэмыупщIэ.
Уэ уилъ пщIэжынумэ, хьэ банэ макъымэ, уайй ирижэ!

Ар пхуэмыщIэнумэ, Tохъутэмыщхьэ дежкIэрэ, ей сехьэкI жи!
Сэ Тхьэ сыгъаIуэ жи, я джэд нэхъу мыхъуми, сэ силъ сщIэжынкIэ…

0:00 0:00