Обложка трека Алий и гъыбзэ — Хьэбас КIэмыргуей
3:07

Хьэбас КIэмыргуей Алий и гъыбзэ

Альбом · Уэрэдхэр · 2026

Скачать

Текст песни

Ныжэбэ жэщым, Алий, ныжэбэ жэщым
Уой, Алий, хьэхэр мэбанэри
Уэр къэдзыгъуэ банэр сигум ар къыхоуэр
Алийри уызимыIэж уэ

Пшэгум ар итыурэ дамэр зытетым
И дамэм а дэнлъэч хызощIэри
ЩымыIэр къигъэсыурэ
ЩыIэр зыгъалIэм
Алийри усфигъэлIай уэ

Уи пыIэ цIыкIур, Алий, уи пыIэ гъуабжэр
Уой, Алий, сом щищ иуасэти
Жэщ мазэгъуэ дахэмэ
IэщымкIэ сокIуэж жыпIэу
Хьэбаныжьым зебгъэукIай уэ.

Уи къамэ цIыкIур, Алий, уи къамэ цIыкIур
Уой, Алий, дыгъэмэ полыдыри
Къущхьэхъу удзыпцIэмэ
Алиймэ и хьэдэр
Уей дахащIыурэ къыполыдыкIыр

Мо джэрпэджэжым, Алий, мо джэрпэджэжым
Уой, Алий, уеджэмэ къоджэжыри
Алий жаIэу къаджэмэ си Алий цIыкIури
Дэнэ мыгъуэмэ уыкъисхьыжыну

Уи батырбакъыр, Алий, уи батырбакъым
Уой, Алий, дыжьынщ хужаIэри
Зи цIэ жаIэрейуэрэ
Уи шы гъуабжэ джэхур
Нартсанэ бэзэрым щащэ

0:00 0:00