Обложка трека Къербэч — Хьэбас КIэмыргуей
1:48

Хьэбас КIэмыргуей Къербэч

Альбом · Уэрэдхэр · 2026

Скачать

Текст песни

Къербэчым уи ныбжьэгъу пэжхэми, уой,
Гуауэшхуэм сызэщIеIулIэр,
Къэхъуахэм фыщIэмыупщIэми, уой,
Си гъыбзэм фыкъыщlэдэlу мыгъуи (уей).

Къишати си ныбжьэгъу закъуэми, уой,
Уэй тIукIэ нызэрыдохыр,
ЩауэщIэм и япэ жэщыми, уой,
НысащIэр фызабэу къонэри, уей.

ТхьэIухудым зыщимыгъэнщIурэ, уой,
Къербэчым ныщебзэрабзэр,
БзэджащIэм я фоч лъэдакъэмкIэ, уой,
Лэгъунэбжэр нытыракъутэри, уей.

Къербэчым и хэтIэ-хэсэри, уой,
Губгъуэжьым щерегъэкIуэкIыр,
НысащIэр зыхуэгузавэри, уой,
А жэщым къимыгъэзэж мыгъуэм, уей.

Ди нысэм уи лэрыпс цIыкIури, уой,
А махуэм къызэролъэлъыр,
Нэпс гуащIэр къыпфIелъэлъэхыурэ, уой,
Лэгъунэм укъыщIашыж мыгъуэр, уей.

0:00 0:00