Обложка трека Си къуэш си пщафIэ — Хьэбас КIэмыргуей, Bashir Khatsouk
3:29

Хьэбас КIэмыргуей, Bashir Khatsouk Си къуэш си пщафIэ

Альбом · Уэрэдхэр · 2026

Скачать

Текст песни

- Си къуэш, си пщафIэ, умыбэлэрыгъ:
Шу гуп къэсащи, фIы ягу къытхуимылъ! -

Шу гуп къэсам саныпожьэ сэ,
ФIэхъус - сэламкIэ къытызошэ.

ХьэщIэныш пшэрыр хузоуыкIыри уой,
Шу гуп къэсари согъэтхъэжыр уо.

ПцIэгъуэплъым тесыр мэшэсыжри:
- Уи къуэш уи пщафIэр къызэт! - жеIэ.

- Си къуэш си пщафIэр уэстыфынкъым,
Гуартэм хэт мэлищэр уэ узотыр!

- Гуартэм хэт мэлищэр уи адэм иреIэж,
Уи къуэш уи пщафIэр къызэт! - жеIэ.

ПцIэгъуэплъым тесым къызехулIэ,
Шы сокум хэлъу Iузогъэхыр.

ПщIэгъуалэм тесыр мэшэсыжыри:
- Уи къуэш уи пщафIэр къызэт! - жи.

- Си къуэш си пщафIэр уэстыфынкъым,
Гуартэм хэт хэкIуапщIэр уэ узотыр.

- Гуартэм хэт хэкIуапщIэр уи адэм иреIэж,
Уи къуэш уи пщафIэр къызэт! -жеIэ.

ПщIэгъуалэм тесым къызжьэхехуэр,
Уанэгум илъу Iузогъэхыр.

Къыдырым тесыр мэшэсыжри:
- Уи къуэш уи пщафIэр къызэт! - жеIэ.

- Си къуэш си пщафIэр уэстыфынкъым,
УзыфIэфI дыдэмкIэ къызбгъэдыхьэ!

Къыдырым тесыр къызжьыхолъэри
Шы пщампIэм дэлъу сырехьэжьэ.

- Си къуэш си пщафIэ, умыбэлэрыгъ,
Къыдырым тесым сыпIэщIехыр сэ!

Си къуэш си пщафIэр къыпоуври
Мэлыжьым хуэдэу къыфIегъэжыр.

Гуэбэнэдж лъабжьэм сыкъыщIоплъыр,
Лъы пцIам сыхэлъыу соусыжыр.

0:00 0:00