Обложка трека Къэбард — Азамат Беков
3:46

Азамат Беков Къэбард

Сингл · 2019

Скачать

Текст песни

Тхьэм и нэфIыр зыщыхуэн,
Сэбий дыгъэ- щыгъэ.
ЛIыгъэ зыIэм уахэхуэн,
Лъэпкъыр дыпщогугъур.
Чыгъэдухэ ди Къэбард,
Гур зыгъэфIэрафIэ!
ДыпхуогуфIэр псэр зыхьэху,
ЗыщIэплъащ жьэгу мафIэр!

Уэ Къэбардыу щIэлэфI цIыкIу,
Утхуэхъунщ щэджащэу!
КъыптемыкIуэу уэ зы цIыху,
Лъэпкъым ухуэфащэу!
Уэ Къэбардэу Къэбэрдей,
Лъэпкъыр дыгъэгушхуэ!
Уэ Къэбардэу Къэбэрдей
Хэкум ури лIышхуэу!

Тхыдэм уи цIэр дахэу хэтщ,
ЛIакъуэлIэш лIэщIыгъуэм
Уэркъ щауэфIыр къыпхэкIын,
Лъэпкъыр дыпщогугъур
Уэ ди нэху, ди Къэбэрдей,
Псэр зыгъэфIэрафIэ
Дыгъэм лъагэу зиIэтам -
Пхухишащ уи лъагъуэр

Дадэ- Нанэм уагъэфIэн,
Гугъэ IэфI зырахьэр.
Адэ- анэр пхуэгушхуэн,
Тхьэшхуэр къыпхуэхъуахъуэ!
Уи цIэр фIыкIэ уэ зепхьэн,
Уи пщIэр хъуну лъапIэ.
Хьэрхъуэрэгъухэм уатекIуэн,
Тхуэпхъумэну напэр!

0:00 0:00