Обложка трека Насып хэплъыхьа — Азамат Беков, Рената Бесланеева
3:22

Азамат Беков, Рената Бесланеева Насып хэплъыхьа

Сингл · 2025

Скачать

Текст песни

Зэмыфэгъуу, зэмыгуэгъуу
Сыту куэд мы щ1ылъэм тет
Пхуэмыфащэр уи 1эпэгъум
Гуныкъуэгъуэ гъащ1эм къует

Зэмызэгъыу, хьэл 1уэнт1ауэ
Зрихьэл1эр куэдык1ейщ
Ерыщит1 зыхуэзэжауэ
Темыхуэжу зы дунейм

Уи насыпыр хэплъыхьауэ
Умып1ащ1эу къыхэпхамэ
Лъагъуныгъэм егъэбагъуэ
Уи унагъуэм илъ хуэапагъэр

Уи насыпыр хэплъыхьауэ
Умып1ащ1эу къыхэпхамэ
Лъагъуныгъэм егъэбагъуэ
Уи унагъуэм илъ хуабагъэр

Гукъэк1ыншэу, хьэтырыншэу
Ф1ыуэ плъагъу ухущымыт
Ежьэжынущ хъыбарыншэу
Жьэгу хуабагъэр зыщ1эмыт

Псалъэ 1эф1ыр, гур зыгъэф1ыр
Ущымысхьу уэ къэпсэлъ
Къыпщыхуэнущ Тхьэм и нэф1ыр
Ар сыт щыгъуи уигу игъэлъ

Уи насыпыр хэплъыхьауэ
Умып1ащ1эу къыхэпхамэ
Лъагъуныгъэм егъэбагъуэ
Уи унагъуэм илъ хуэапагъэр

Уи насыпыр хэплъыхьауэ
Умып1ащ1эу къыхэпхамэ
Лъагъуныгъэм егъэбагъуэ
Уи унагъуэм илъ хуабагъэр

0:00 0:00