Обложка трека Хэт — Черим Нахушев
3:42

Черим Нахушев Хэт

Сингл · 2025

Скачать

Текст песни

Хощэтыкӏыр пшынэ гъуагъуэр
Лъагъуныгъэр зи мыжагъуэр
Ӏэфӏу илъэгъуар и нэгу щӏокӏыж

Иримыкъуу ӏэпэ бжыгъэр
Къехуабэкӏу гъатхэ дыгъэр
Бзу бзэрабзэм сфӏощӏ ныкӏэлъыджэж

Хэт жэщыкум зэджэр пшынэр
Уэ уфӏэкӏэдынкӏэ шынэу
Къэзмыгъанэу ар
И закъуэ, щэхуу сыдожьу

Хэт жэщыкум зэджэр пшынэр
Уэ уфӏэкӏэдынкӏэ шынэу
Емызэшу гум къоӏукӏыр
А уи макъ жьгъырур

Къызгурыӏуэ сфӏощӏыр уи бзэр
Къохъур псалъэм псэр щырибзэ
А уи макъыр гущхьэм толъэщӏыхь

Къызэджэж сольэӏур пшынэ
Мы си гущӏэр умыбгынэ
Гугъэ дахэр макъкӏэ къысхуэзыхь

0:00 0:00