Обложка трека Ирей — Султан Хажироко
4:08

Султан Хажироко Ирей

Сингл · 2019

Скачать

Текст песни

Уи нитIым гъуджэу сэ сыкъощ ,
СощIэжыр уафэу щыщытар.
Си гущхьэм уэшхыу укъыщошх.
Къыстебгъэщащэу абдж къутар.
Зи къутэжыгъуэр ди гухэлъщ.
Зи мычэзур къысхуэпщIа барщ.
Сэ укъэсцIыхужакъым, уэ ухэт?!
Сыту пщыгъупща узэры-щы-тар!
Ирожэ лъынтхуэм уафэхъуэпскI,
Ехьыжыр жьыбгъэм сфIэкIуэдар.
ЗыкъэсцIыхужакъым - сэ сыхэт?
...сызэрыщытар ...

Уафэм нэпсыр ирей,
Псэм насыпыр ирей.
Хэт иджы сэ сырей?
Хэт иджы уэ урей?

Къызэрохьэжьэ жыIэгъуейр,
ИзотхъыкIыжыр ди блэкIар.
КъыстоункIыфIэ мы дунейр,
Ди ягъэу уафэри къэчащ.
Си гущхьэм къощыр уи сурэт,
ТхьэрыIуэр уэгум къимыщта.
Сэ укъэсцIыхужакъым , уэ ухэт?!
Сыту пщыгъупща узэры-щы-тар!
Гухэлъыр кIуасэурэ мэткIуж,
Елъэсыр уэшхым фIэкIуэдар.
ЗыкъэсцIыхужыну сэ сыхэтщ,
...сызэрыщытар.

ГъащIэм и купсэу си псэ пхуэзэшым и тыгъэ,
Дэнэ ущыIэ си дыщэ, дэнэ ущыIэ , си дыгъэ?
Мы дуней мылъкур нэхъ пуд щIэхъукIащ гъуэгужь сабэм.
Уафэр къегъачэ хуэмышэчыжу си бампIэм...

0:00 0:00