Текст песни
Жьыгьэм зыри 1эщ1эмвч1
Жыги ц1ыхуи ирещ1ыч1
1 Уэ ухуеймэ пщӏэ-нэмыс
Жьы хъуа цӏыхум хуэщӏ нэмыс
Жиӏэ псалъэм егупсыс
Абы, маржэ, къыхэх дерс
Щӏалэгъуалэм сыволъэӏу
Цӏыхухэм псоми сыволъэӏу
Жьы хъуа цӏыхур фӏыуэ флъагъу
Жьым фымыщӏ и жагъуэ
Маржэ, цӏыхухэм сыволъэӏу
Жьым фымыщӏ и жагъуэ
2Псалъэ ӏэфӏым лъэр щӏегъэкӏ
Гум илъ бампӏэр щхьэщегъэкӏ
Жьым уемыуэ, маржэ, игу
Зэпыбупщӏу уэ и гъуэгу
Щӏалэгъуалэм сыволъэӏу
Цӏыхухэм псоми сыволъэӏу
Жьы хъуа цӏыхур фӏыуэ флъагъу
Жьым фымыщӏ и жагъуэ
Маржэ, цӏыхухэм сыволъэӏу
Жьым фымыщӏ и жагъуэ
3Жьыгъэм ищ1кьым зэхэгъэж
Зыхулъэкӏми къыщхьэмыж
Фыгъуэижи зыхэмылъ
Ар нэлейкӏи зым емыплъ
Щӏалэгъуалэм сыволъэӏу
Цӏыхухэм псоми сыволъэӏу
Жьы хъуа цӏыхур фӏыуэ флъагъу
Жьым фымыщӏ и жагъуэ
Маржэ, цӏыхухэм сыволъэӏу
Жьым фымыщӏ и жагъуэ
4 Жьыгъэр псоми къытпэщылъщ
И ӏэмыщӏэм хэти дилъщ
Ди гум илъу къыдохьэкӏ
Жьым щӏалэгъуэр зэрехъуэкӏ
Щӏалэгъуалэм сыволъэӏу
Цӏыхухэм псоми сыволъэӏу
Жьы хъуа цӏыхур фӏыуэ флъагъу
Жьым фымыщӏ и жагъуэ
Маржэ, цӏыхухэм сыволъэӏу
Жьым фымыщӏ и жагъуэ
Маржэ, цӏыхухэм сыволъэӏу
Жьым фымыщӏ и жагъуэ
Жьым фымыщӏ и жагъуэ
Комментировать