Текст песни
Мазэу щ1ылъэр зыгъэаунэхуу
Щхьэнтэм тес тхьэрыкъуэ пщэху
Нэлкъут нэлмэсу
Адыгэ пщащэ ей
Гъатхэ дыгъэу зи гур хуабэ
Дыжьын данэр зи лъэужь
Щхьэцыпэ дыкъуакъуэу
Адыгэ пщащэ ей
Теплъэ дахэм щ1эгупсысу
Уафэр, щ1ылъэр зыхуэусэу
Зи макъ псынэпсу
Адыгэ пщащэ ей
Теплъэр мазэ из пэлъытэу
Жэщ вэгъуэбэм къыщылыду
Зи нэмыс лъагэу
Адыгэ пщащэ ей
Ц1ыхум хэтым акъылыф1эу
Пщэджыжь дыгъэр зыхуэгуф1эу
Псэм ф1э1эф1у
Адыгэ пщащэ ей
Лъэпкъ дэхагъэр щыгъу фащэу
Дуней ф1ыгъуэр зыхуэфащэу
Нэм ф1эдахэу
Адыгэ пщащэ ей
Теплъэ дахэм щ1эгупсысу
Уафэр, щ1ылъэр зыхуэусэу
Зи макъ псынэпсу
Адыгэ пщащэ ей
Теплъэр мазэ из пэлъытэу
Жэщ вэгъуэбэм къыщылыду
Зи нэмыс лъагэу
Адыгэ пщащэ ей
Теплъэ дахэм щ1эгупсысу
Уафэр, щ1ылъэр зыхуэусэу
Зи макъ псынэпсу
Адыгэ пщащэ ей
Теплъэр мазэ из пэлъытэу
Жэщ вэгъуэбэм къыщылыду
Зи нэмыс лъагэу
Адыгэ пщащэ ей