Обложка трека Гъащlэм и гъуэгу — Азамат Цавкилов
3:06

Азамат Цавкилов Гъащlэм и гъуэгу

Сингл · 2024

Скачать

Текст песни

Дытехьауэ насып гъуэгум
Уэрэ сэрэ дырик1уэнт
Си 1эпэгъу уэ си гум жи1эм
Гъащ1э псом укъезгъэджэнщ

Дыгъэ бзийм и хьэрф дыщэпсыу
Уи ц1эр си псэ къыритхащ
Ар дэращ зи гъащ1э тхылъыр
Зыпымыуэ здэттхыжынщ

Ар уэращ Ар сэращ
Уэрэ сэрэщ зи дунейр
Ар сэращ уи щэхуращ
Ар уэращ гухэлъыращ

Си гурыщ1эм щызгъэпщк1уауэ
Зэман куэдк1э къесхьэк1ащ
Мис иджы уи 1эпэр с1ыгъыу
Дыгъэр уафэм къепсыхащ

Къигъэнэхуу махуэ къэск1э
Ди гъуэгуанэр дигъусэнщ
Тхьэшхуэм тыгъэу къыдитауэ
Ди насып зы чысэм илъщ

Ар уэращ Ар сэращ
Уэрэ сэрэщ зи дунейр
Ар сэращ уи щэхуращ
Ар уэращ гухэлъыращ

0:00 0:00