Текст песни
Къэбэрдеищlу щlыналъэ дахэ
Гум укъихьащи сыныпхуозэш
lэмэлыншагъкlэ адыгэ лъахэр
Укъэзгъэнами зэ сынэшэж
Адыгэ лъэпкъыр сыхуейщ ефlакlуэу
Адэжь щlыналъэм зыщиужьын
Ди адыгэбзэр дгъэбзэрабзэу
Зы лlым и быну дыпсэужын
Адыгэ цlыхухэр хамэщlым дисыу
Гугъуехьыр фащэу къытщынэжащ
Си псэр нежажьэу, губампlэм ису
Дзапэ уэрэду ныпхуэзусащ
Адыгэ лъэпкъыр сыхуейщ ефlакlуэу
Адэжь щlыналъэм зыщиужьын
Ди адыгэбзэр дгъэбзэрабзэу
Зы лlым и быну дыпсэужын
Фlэхъус изохыр си Хэкум хуабэу
Си Къэбэрдей сынэкlуэжынт
Схузэфlэкlамэ мы уафэ джабэм
Дыщэпскlэ уи цlэр щыхэздыкlынт
Адыгэ лъэпкъыр сыхуейщ ефlакlуэу
Адэжь щlыналъэм зыщиужьын
Ди адыгэбзэр дгъэбзэрабзэу
Зы лlым и быну дыпсэужын
Ди адыгэбзэр дгъэбзэрабзэу
Зы лlым и быну дыпсэужын