Перейти к содержимому
Обложка трека Нэ къулэн — Нафедз Адиль
3:26

Трек

Нафедз Адиль Нэ къулэн

Сингл · 2026 · Этническая

Скачать

Текст песни

Дэ хьэгъуэлыгъуэм дыщызхуэзащ
Уи псалъэ IэфIхэр си гум къинащ
Уи нэ дэхитIым сыдихьэхащ
Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пIэрэ, уей?

Сыдихьэхащи, уее-ей!
Нэкъуэлэн, зэ слъагъужыну пIэрэ, уей?

УсIэщIахынкIэ сэ сагъэшынэ
Уи пшынэ макъыми сэ сыщIодэIу
СедаIуэ пэтми зыщызмыгъэнщI
Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пIэрэ уей?

ЗыщызгъэнщIакъым, уее-ей! Нэкъуэлэн, зэ слъагъужыну пIэрэ, уей?

Фи уэрамышхуэр кIуапIэ схуэхъуащ
Узмылъагъуфурэ нэху къыстещхьащ
Мо нэхущ вагъуэм уи фэ есплъащ,
Нэкъуэлэн, зэ слъагъужыну пIэрэ, уей?

Си нэхущ вагъуэ, уее-ей!
Нэкъуэлэн, зэ слъагъужыну пIэрэ, уей?

Мы си ныбжьэгъухэм ауан сыкъащI
СщIэнур сымыщIэу сыкъэбгъэнащ
Уи нэ къуэлэнхэр сигум къэкIащ
Нэкъуэлэн, зэ слъагъужыну пIэрэ, уей?

Сигу укъэкIащи, уее-ей!
Нэкъуэлэн, зэ слъагъужыну пIэрэ, уей?

ЦIыхур ерыщмэ, сыт IэщIэкIын?
Лъагъуныгъэр пэжмэ, хэт пэлъэщын?
Гухэлъ пхуэсщIащи, си дахэкIей
Нэкъуэлэн, зэ слъагъужыну пIэрэ, уей?

Гухэлъ пхуэсщIащи, уее-ей!
Нэкъуэлэн, зэ слъагъужыну пIэрэ, уей?

Комментировать

0:00 0:00