Текст песни
Уэй ди махуэшхуэщ
Лапэрисэ джэгум
Лъэр егъэтхьэджэ
Рэуэу жи
Щауэ къуданхэр
Пщащэ тхьэ1ухудхэм
Къадоуджэк1хэр
Рэуэу жи
Шык1эпшынэ макъым
Къамылыр дежьумэ
Пкъыр егъэгушхуэ
Рэуэу жи
Зевгъэ1этыт уардэу
Феуджэк1 жыджэру
Мэхуэшхуэ джэгущи
Рэуэу жи
Уооой
Лъапэрисэ джэгур йок1уэк1
Лъэр щ1егъэлъэт, йоуджэк1, йоуджэк1
Махуэ джэгур идохьэк1
Феужьэрэк1 жи
Уооой
Лъапэрисэ джэгур йок1уэк1
1эгум зе1эт, пкъыр холъэт йоуджэк1
Ди махэушхуэр идохьэк1
Феужьэрэк1 рарира, рэуэу
Уэй ди гуф1эгъуэм
Зыреубгъуэ уэгум
Зыретыр щ1ыгум
Рэуэу жи
Уи жыгъыжь тхьэщ1агъым
Къырыжь мывэ жахэм
Къыщыподжэжыр
Рэуэу жи
Феуэт лъапэрисэм
Санэр нызэрахьэу
Ди 1эгу ди 1энэу
Рэуэу жи
Гъэлъэхъур уи тыгъэу
Къэунэхур дыгъэу
Уафэр и телъхьэу
Рэуэу жи