Перейти к содержимому
Обложка трека Уей, хьэгъуэлlыгъуэщ — Тимур Балкизов
3:17

Трек

Тимур Балкизов Уей, хьэгъуэлlыгъуэщ

Сингл · 2024 · Этническая

Скачать

Текст песни

Нобэ унагъуэм ди хьэгъуэлIыгъуэщ, – уей!
Ди хьэгъуэлIыгъуэщ, ди махуэ лъапIэщ – уей
КъытщогуфIыкIыр къушхэр аузыр, – ей!
Ягу зэIухауэ къытхуокIуэ хьащIэхэр – ей!

Уей хьэгъуэлIыгъуэу ди хьэгъуэлIыгъуэу дахэ
Яхуэхъу махуэшхуэ фIыуэ зэрылъагъухэм!
Уей, хьэгъуэлIыгъуэу, хьэгъуэлIыгъуэ махуэ
IэфI яхуэщI я махуэр зэпсэуэгъухэм!

Нысэ идошэр, дошIыр джэгушхуэ – уей!
Насып къытхуешэ, Iэгум фыкъеуэт – уей!
Дахэу щэныфIэм хъуэхъу худоIэтыр – ей!
ГъэщIэ узыншэ къыздагъэщIэнурэ – ей! ей

Уей хьэгъуэлIыгъуэу ди хьэгъуэлIыгъуэу дахэ
Яхуэхъу махуэшхуэ фIыуэ зэрылъагъухэм!
Уей, хьэгъуэлIыгъуэу, хьэгъуэлIыгъуэу махуэ
IэфI яхуэщI я махуэр зэпсэуэгъухэм!

Иоуэ ди пшынэр дыхеша уджым – уей!
ФIыуэ зэрылъагъухэр къызэдоуджыр – уей!
Пщащэ дахащэхэр дэ ди Iэпэгъущи – ей!
ЩIалъэ къуданхэм гухэлъ яIуатэр – ей!

Уей хьэгъуэлIыгъуэу ди хьэгъуэлIыгъуэу дахэ
Яхуэхъу махуэшхуэ фIыуэ зэрылъагъухэм!
Уей, хьэгъуэлIыгъуэу, хьэгъуэлIыгъуэу махуэ
IэфI яхуэщI я махуэр зэпсэуэгъухэм!

0:00 0:00