Обложка трека Си дахэкlей — Залина Пшихачева
3:17

Залина Пшихачева Си дахэкlей

Сингл · 2025

Скачать

Текст песни

Сэ уэ узэрыслъагъурэ уи мафlэм сэ сесыр
Согъыри — соукlытэ, сымыгъщи — сызэгуоуд
Мы дунеижьышхуэм жагъуэгъу щызикуэдщ
Си дахэкIей, ей мыгъуэ, сыунэхъужа мыгъуи сэ

Уи шыгъуэжь цlыкlури кlэбдзкlэрэ уогъатхъуэр
Уи лъагъуныгъэми сэ сигъэтхъуа мыгъуи сэ
Жагъуэгъу зимащlэм сыту и насып!
Си дахэкlей, си гущхьэр къытебэга мыгъуи сэ

Мо ди lуащхьэжьыми дыгъэр кlэредзэри
Сигу укъыщридзэкlэ, мафlэр къысщlонэ мыгъуэ сэ
Лъагъуныгъэ мафlэри сыту къарууфlэ
Си дахэкIей, яжьэ сыхъури сылъэлъэжа мыгъуи сэ

Гъатхэм и дахагъэм цlыхупсэр дехьэхыр
Сэ си псэр дэзхьэхар жагъуэгъум сфlагъэкlуэдай
Сызэгуэмыудыпэу зэ сыныпlуплъэжтэм
Си дахэкlей, дуней кlыфlыр нэху къысщыхъуну мыгъуэт сэ

0:00 0:00