Текст песни
Къуохьэжыр дыгъэр, къыкъуок1ыр мазэр
Сызыхуэзахэм яхэмыт сызыхуей
Хэт лъагъуныгъэм ухуэзыгъазэр?
Ар темытыххэу сэ си гугъэт дунейм
Сэ си насыпыр къек1эрэхъуэк1ри
Си пащхьэм, си псэ,уиджэрэзащ
Укъафэу дахэу уек1эрэхъуэк1ри
Сф1эпхьэхури си гур, ук1уэдыжащ
Мэрэмэжьейм сегъэгужьей
Махъсымэ гуащ1эм сегъэгумащ1э
Си нэгу ущ1этщи,симы1э жей
Ф1ылъагъуныгъэм сыхэхуащ и дэп жьэражьэм
Псэм кьыхуэмыщ1эу, зыхэмызагьэр
Кьыщ1имыгьуэтыр гупсэхугьуэ дунейм
Ар сэ кьысф1ощ1ыр урау зи ягьэр
Урау кьысф1ощ1ыр мы си гьащ1эр зыхуейр
Сэ си насыпыр кьек1эрэхьуэк1ри
Си пащхьэм си псэ уиджэрэзащ
Укъафэу дахэу уек1эрэхъуэк1ри
Сф1эпхьэхури си гур, ук1уэдыжа