Текст песни
Анэ уи1эм сыту гуапэ
Анэ уи1эм сыту 1эф1
Анэм лъагъуныгъэу и1эр
И сабийхэм яретыф
Дысымаджэм мэгузавэ
И гум зыри ф1эмы1эф1
Дыхъужыхук1э къытк1эрысмэ
Ар гугъуехьыу къыщымыхъу
Си анэ дыщэ уэ уи гъащ1эм
Узыщымысхьыу гугъу уехьащ
Уи лъагъуныгъэр уи 1эф1агъэр
Псори уи быным къыдэптащ
Схузэф1эк1амэ си анэ дыщэ
Дуней 1эф1агьэр уэ уэстынт
Уи лъагъуныгъэр уи 1эф1агъэр
Дуней дахагъэм пэувынт
Дэ ин дохъури дощ1 унагъуэ
Щхьэж и гъуэгум тоувэж
Ауэ анэм и 1эф1агъэр
Гьащ1эм зэй пщымыгъупщэжщ
Дэнэ уэ ущымы1ами
Уи гум анэр емыгьэк1
Бгъэгуф1эну анэ дыщэр
Къомыгъанэ пхузэф1эк1
Си анэ дыщэ уэ уи гъащ1эм
Узыщымысхьыу гугъу уехьащ
Уи лъагъуныгъэр уи 1эф1агъэр
Псори уи быным къыдэптащ
Схузэф1эк1амэ си анэ дыщэ
Дуней 1эф1агьэр уэ уэстынт
Уи лъагъуныгъэр уи 1эф1агъэр
Дуней дахагъэм пэувынт