Текст песни
Набдзэ къурашэу, щхьэцыгъуэ ф1ыц1эу
И теплъэ гуак1уэр дунейм щы1уащ
Унагъуэ абгъуэм илъэтык1ыну
Дахэр утыкум къытхурашащ
Ныбжьэгъу хъыджэбзхэм пщ1э хуащ1ыну
Тхьэ1ухудыр къаувыхьащ
Унагъуэ лъагъуэм тырагъэхьэну
Нысэгъаф1э удж ирагъэжьащ
1уащхьэмахуэ хуэдэу уи нэмысыр лъагэу
Удз гъэгъам хуагъадэу гъащ1эр дахэ ищ1
Нысэгъаф1э уджк1э гъуэгу к1ыхь утырашэ
Ди Тхьэм мыухыжу уи гуф1эгъуэр пхуищ1
Псынэпс къыщ1эжу уи гур уэ къабзэщ
Адыгэ хабзэр псэм хэухуэнащ
Хъуэхъук1э гъуэгуанэ утрагъувэну
Нэхъыжь мэхъсымэр къыпхуа1этащ
Пшынэр бзэрабзэу, пхъэц1ыч дежьуэ
Гуф1эгъуэшхуэр ирагъэжьащ
И лъакъуэ ижьк1э нэсыпым хуэк1уэу
Нысэр лъагъуэ тырагъуващ