Перейти к содержимому
Обложка трека Тенджыз — Besik Raev
3:59

Трек

Besik Raev Тенджыз Acoustic

Сингл · 2025 · Поп, Фолк

Скачать

Текст песни

Тенджыз пэлъытэщ мы сигур
Жи1ащ пасэрейм: «Ухэмыхьэ уитхьэлэнщ»
Къуэншагъэ зэсхащ аргуэру
Тенджызым куууэ сыхэтщ

Адэ жыжьэу зыгуэр къыщоджэ
Уи джэмакъырауэ гум къыф1ощ1
Уэрмырауэ ар къыщ1эк1мэ
А джэмакъыр сытым щыщ?
Адэ жыжьэу зыгуэр къыщоджэ
Уи джэмакъырауэ гум къыф1ощ1
Уэрмырауэ ар къыщ1эк1мэ
А джэмакъыр сытым щыщ?

Мак1уэ махуэр
Къысф1эмы1оху сэ къэхъукъащ1эр
Мак1уэ гъащ1эр
Сигур ныплъохъу, сигур ныппоплъ
Сигур ныпхуозэш

Гъэщ1эгъуэну къызолъытэ
Лъэгуныгъэр зищ1ыс дыдэр
Къызгуры1уэр ар зимы1эу
Гъэк1э пэплъэу щытыгъар арщ

Адэ жыжьэу зыгуэр къыщоджэ
Уи джэмакъырауэ гум къыф1ощ1
Уэрмырауэ ар къыщ1эк1мэ
А джэмакъыр сытым щыщ?
Адэ жыжьэу зыгуэр къыщоджэ
Уи джэмакъырауэ гум къыф1ощ1
Уэрмырауэ ар къыщ1эк1мэ
А джэмакъыр сытым щыщ?

Мак1уэ махуэр
Къысф1эмы1оху сэ къэхъукъащ1эр
Мак1уэ гъащ1эр
Сигур ныплъохъу, сигур ныппоплъ
Сигур ныпхуозэш

Тенджыз пэлъытэщ мы сигур
Блэк1ар щхьэ щапхъэу щымыт?
Къуэншагъэ зэсхащ аргуэру
Тенджызым куууэ сыхэтщ

0:00 0:00