Текст песни
Уи щытык1эм уещ1ыр нэхъ дахэж
Сыдохьэхри си дунейм зехъуэж
Лагъуныгъэм зыхуэдгъэщ1 1эпэгъу
Гум укъихьэм нэгум ущ1эмык1
Сэ уэрыншэу зыри схулъэмык1
Си хъуэпсап1э си псэм ухэмык1
Уэрщ си насып дамыгьэри
Си пщэдейм и гугъап1эри
Гущ1эм уэзыращ щызгъаф1эри
Гъатхэ жэщым си щэхур зэхех
Си гупсысэр жьыбгъэм ныс1эщ1ех
Гухэлъ къабзэр гуапэурэ ныпхуехь
Уи жэуап сыпэплъэу сонэщхъей
Сызэхэщ1эт пщащэ дахэк1ей
Уэрщ си гъащ1эр уэращ си дуней
Уэрщ си насып дамыгьэри
Си пщэдейм и гугъап1эри
Гущ1эм уэзыращ щызгъаф1эри