Текст песни
Пхъэвакъэрыкlуэмэ адыгэ гуащэкъэ
Дзэ зыкlэлъыкlуэри адыгэпщ уардэкъэ
Джэгум къыщымыфэмэ, къафэм хэплъэурэ
Хомылъэгъуххэурэ я псэр мэудж
Джэгум къыщымыфэмэ, къафэм хэплъэурэ
Хомылъэгъуххэурэ я псэр мэудж
Укlытэр зи япэр адыгэ пщащэкъэ
Лlы защlэу, щапхъэмэ адыгэ щауэкъэ
Джэгум щызэхуэкlуэмэ, хабзэм екlуурэ,
Нэрымылъагъуми я гур зэхуокlу
Джэгум щызэхуэкlуэмэ, хабзэм екlуурэ,
Нэрымылъагъуми я гур зэхуокlу
Унагъуэм ирашэр адыгэ нысэкъэ
Къызыхурашэри адыгэлl нэсыркъэ
Джэгур хузэхашэмэ-лъагъуэр хашэурэ,
Зэрымылъагъуми я псэр зэдощl
Джэгур хузэхашэмэ-лъагъуэр хашэурэ,
Зэрымылъагъуми я псэр зэдощl
Дызыгъэпагэри адыгэ фащэкъэ
Ди хэкужь махуэри адыгэ гущэкъэ
Уэгум дыщыуджырэ, вагъуэу диж гущэм
Ди джэгур мафlэ мыужьыхыу щырет!
Уэгум дыщыуджырэ, вагъуэу диж гущэм
Ди джэгур мафlэ мыужьыхыу щырет!
Ди джэгур мафlэ мыужьыхыу щырет!