Текст песни
Уи гум, уи псэм йа къэбзагъэр
На1уэу уинэхэм къыщ1опс
Уи ц1эр тету, уафэм вагъуэр
Жэщ къэсыхук1э СЭ къысхуопс
Сигур зыхьэхуа
Сыдэзыхьэха
Лъэгъуныгъэ нэху
Щэхуу зыхуэсщ1а
Уыщыслъагъук1э, гур къилъэтыу,
Гъащ1эр дахэу сэ къысф1ощ1
Наф1эгуф1эу узбгъэдэту
Гу лъомытэу уэ зыбощ1
Сигур зыхьэхуа
Сыдэзыхьэха
Лъэгъуныгъэ нэху
Щэхуу зыхуэсщ1а
Уи 1уплъэгъуэм гур щ1эхъуэпсыу
Гъащ1э нэхур изохьэк1
Си гухэлъым си нэ, си псэ
Хьэуэ жип1эу усф1эмык1
Сигур зыхьэхуа
Сыдэзыхьэха
Лъэгъуныгъэ нэху
Щэхуу зыхуэсщ1а
Сигур зыхьэхуа
Сыдэзыхьэха
Лъэгъуныгъэ нэху
Щэхуу зыхуэсщ1а
Сигур зыхьэхуа
Сыдэзыхьэха
Лъэгъуныгъэ нэху
Щэхуу зыхуэсщ1а